12.8.14

Адыгэбзэм иужь иту хабзэри кIуэдыжынкIэ шынагъуэ хъуащ


Бацэ Аскер. Кабардинка къэфакIуэ гупым хэта, лъэпкъ лэжьакIуэ. Налшык. 

“Хэхэс Адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм хошыпсыхьыж“ ЖыхуаIэ гуныкъуэгъуэм Хэкурысхэри нэхъ мащIэми хэтщ. Хэкум къина Адыгэ зы мащIэм, нэхъыбэу къалэдэсхэм Адыгэбзэм ещхьу Адыгэ хабзэри махуэ къэс нэхъ мащIэ хъуурэ макIуэр. Иужьырей зэманым щIалэгъуалэм ахэр къаIэтыджыну нобэрей зэманым декIуу хабзэр ягъэлажьэну хэтхэщ. Къэбэрдей Бэлъкъэрым  мис апхуэдэ гуныкъуэгъуэхэр зэфIахыну щIалэгъуалэр нэхъ дэзыхьэх нысашэ хьэгъуэлIыгъуэхэм деж Адыгэ хабзэр яхъумэну, уеблэмэ ар щIалэгъуалэр нэхъ дэзыхьэх Европа хабзэхэм къыкIэрымыхуу ягъэпсыну хэт дэжэгуакIуэ гупхэм зым и тхьэмадэ Бацэ Аскер Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ. Аскер езыр Къабардинка къэфакIуэ гупыми куэдырэ хэтауэ профессионалыу щытщ.

Бацэ Аскер: Къапщтэу щытым иджыпсту хабзэр икIэм нэс зыщIэж мащIэщ мыбы къэнэжар. Сэ си нэхъыжьхэр коминизм зэманым щалъхуащ. Абы щыгъуэм хабзэри Адыгэбзэри тщигъэгъупщэжыну иужь итт къэралыр. Сыт щхьа жыпIэм Коминизмым дыхуокIуэ жаIэри уи хабзэри, уи нэмысыри, ахэр псори тщагъэгъупщэу Коминист хабзэм ттрагъэтIысхьэну ягугъащ. Ауэ Алыхьым и шыкуркIэ, зэманым зихъуэжащ, тIэкIуи дыгупсысэжу, зыгуэрхэри тлъагъу хъуащи иджыпсту къэтщтэжу аращ. Хабзэр фIыдыдэу ищIэу зы диIат ЦIыпIынэхэ ейуэ, ауэ тхьэмыщкIэр яукIащ, ЦIыпIынэ Аслан тхьэмыщкIэр.

Хуитыныгъэ радио: Уэ дауэ уеплъырэ иджыпсту нэхъ тхъумэн хуей хабзэр моращ жыхуэпIэр?

Бацэ Аскер: Мис а хьэгъуэлIыгъуэм деж къыщыщIэдзауэ, цIыхур ебгъэсэжын хуейщ, щIалэгъуалэр. Япэрауэ Адыгэ хабзэр умыкъутэу, мис иджы къежьахэми здебгъэкIуфыу мис апхуэду щытын хуейщ. Игыпсту а япэм зэрыщытам хуэду Адыгэ хабзэ къабзэдыдэмкIэ пхуэщIынуIым ар. Япэрауэ кIыхьлъыхь Iейщ. Иджыпсту зэманыр апхуэдизу псынщIэу макIуэри, ухунэсынуIым. Ахэр псори зэфIэкIыху япэрауэ, къодаIуэжыну мащIэдыдэщ къэнэнур. ЕтIыуанэрауэ, ар ящIыфыну ямыщIыфыну? Хабзэ щыIэр зэрыхъукIэ иджыри, Iиищэу умыкъутэу, уемылъэпауэу, ауэ нэхъ псынщэу пхуэщIыну мис апхуэдэ Iуэхущ дэ иджыпсту къетхуэкIыр. Хабзэр умыкъутэу, икIи бгъэдахэу, цивилизацэми здебгъэкIуу, иджии мы Европа хабзэ тIэкIури хэплъхьэфу мис апхуэду къыдэпхьэхыну аращ щIалэгъуалэхэр. Дэ игъащIэм диIакъым а удз гъэгъар нысащIэм идзу. Абии тIэкIу нэгъуэщIу дощIыри нэхъ ягу ирихьу хъуащ.


Хэкурыс щIалэгъуалэм зэрыжаIэмкIэ езыыхэр фадэ емыфэнуми нэхъыжьхэм ар хабзэм щыщ хуэду ефэн хуейуэ трагъэчыныхь.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие